ЭВОЛЮЦИЯ ВЕНКА СОНЕТОВ В АДЫГСКОЙ ЛИТЕРАТУРЕ: ЭСТЕТИКА ПОЭТИКИ
- Авторы: ХАВЖОКОВА Л.Б.1
-
Учреждения:
- Институт Гуманитарных исследований – филиал ФГБНУ «Федеральный научный центр «Кабардино-Балкарский научный центр Российской академии наук»
- Выпуск: № 1 (2020)
- Страницы: 280-293
- Раздел: Литература народов Российской Федерации (литература народов Северного Кавказа)
- Статья получена: 27.05.2025
- Статья опубликована: 15.12.2020
- URL: https://ogarev-online.ru/2542-212X/article/view/293777
- DOI: https://doi.org/10.31143/2542-212X-2020-1-280-293
- EDN: https://elibrary.ru/EPJTSE
- ID: 293777
Цитировать
Полный текст
Аннотация
Статья посвящена исследованию венка сонетов в адыгской литературе с акцентацией эстетики поэтики произведений, написанных в указанной жанровой форме. При этом сочетание «эстетика поэтики» не является формальным в данном контексте, поскольку в построении венка сонетов большое значение уделяется структурной организации – построении модели поэтического произведения, состоящего из определенного числа (пятнадцати) сонетов и строк (двести десять), коррелирующих между собой в рамках строгих канонов жанра, согласно которым конечная строка одного сонета служит началом последующего, а пятнадцатый (заключительный) сонет, называемый «магистралом» (или «магистральным сонетом»), представляет собой произведение, состоящее из начальных строк предыдущих четырнадцати сонетов. Освоение подобной сложной жанровой формы сопровождалось определенными трудностями. В представленной статье выявляются проблемы генезиса и становления сонета и его эволюции до жанровой формы венка сонетов в адыгской литературе. Здесь впервые проводится комплексное исследование венка сонетов в национальных (кабардинской, черкесской, адыгейской) литературах. Основное внимание автора уделяется как композиционным, так и содержательным особенностям венков сонетов адыгских писателей. В частности, детализированному анализу подвергаются венки сонетов черкесских и кабардинских авторов: «Верен любви» («Лъагъуныгъэм сыхуэщыпкъэщ») Мухадина Бемурзова, «Ветер» («Жьыбгъэ») и «Эхо мелодии» («Пшыналъэм и джэрпэджэж») Мугаза Кештова, «Широкогрудый ветер» («Жьыбгъэ-бгъакъэ») Толи Камергоева. В результате исследования выявлены особенности поэтики самой сложной по композиции и, следовательно, трудной для освоения жанровой формы – венка сонетов. К исследованию привлечен метод структурного анализа. В частности, изучен метрико-римовочный комплекс произведений, созданных в исследуемой жанровой форме. Отдельно рассмотрены тематика и проблематика венков сонетов, соответствие архитектоники, сонетов, образующих венок, и венков сонетов в целом строгим канонам жанра. Результаты ислледования могут стать подспорьем для исследователей адыгских литератур, а также при составлении спецкурсов по эволюции адыгской поэзии.
Ключевые слова
Полный текст
Усыгъэм и жанр нэхъ гугъу дыдэу къалъытэ сонетыр къызэрыунэхурэ лIэщIыгъуэ зыбжанэ мэхъу. ХIII лIэщIыгъуэм Италием щызэфIэува жанрыр урыс литературэм къыщысар ХVIII лIэщIыгъуэрщ. 1735 гъэм япэ урыс сонетыр В.К. Тредиаковскэм и Iэдакъэ къыщIэкIауэ щытащ. Абы кIэлъыкIуэу япэ сонетхэр ятхащ А. Сумароковым, А. Ржевскэм, М. Муравьевым, Е. Херасковэм, М. Херасковым, И. Дмитриевым. АрщхьэкIэ сонетым урыс литературэм зыужьыныгъэшхуэ щимыгъуэтурэ ХIХ лIэщIыгъуэм и 20-40 гъэ пщIондэ екIуэкIащ. А лъэхъэнэм къыщегъэжьауэ сонет жанрыр къагъэсэбэпу хуежьащ урыс усакIуэ цIэрыIуэхэу Пушкин А., Брюсов В., Бальмонт К., Северянин И., Бунин А., н.
Адыгэ усакIуэхэм сонетым и фащэ гугъусыгъур къыщагъэIэрыхуар ХХ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэрщ. Япэ дыдэ а жанрым зи зэфIэкI щеплъыжар Сокъур Мусэрбийрэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэмрэщ. «Сыт си щIалэгъуэм фIыуэ сыкъэплъагъукIэ?..» фIэщыгъэм щIэту Сокъур Мусэрбий итха япэ адыгэ сонетыр 1962 гъэм «Iуащхьэмахуэ» журналым къытехуауэ щытащ. Илъэс зыбжанэ дэкIри, «Сокъуз IэштIыму мы сатыр пщыкIуплIыр…» етIуанэ сонетри а журналым дыдэм тету къыдэкIащ. ИужькIэ, 1979 гъэм Сокъурым и усыгъэхэр щыхэхуэхьэсауэ дунейм къытехьа «Нэпкъыжьэ» [Сокуров 1979] тхылъым сонетитI («Уэрэдым гузэвэгъуэр къылъэIэсрэ…» [Сокуров 1979: 29], «Сонет» [Сокуров 1979: 37] жыхуиIэхэр) хыхьащ.
Сокъур Мусэрбийрэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэмрэ къыгъэIурыщIа жанр мыIумпIафIэм лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм нэгъуэщI адыгэ усакIуэхэми (КIэщт Мухьэз, Мысачэ Петр, Жэлэтеж Сэлэдин, Балъкъэр Фоусэт, Бемырзэ Мухьэдин, IутIыж Борис, Уэрэзей Афлик, КIэмыргуей Толэ, Ацкъан Руслан, Мыкъуэжь Анатолэ, ПщыукI Латмир, Абазокъуэ Къантемыр, н.) зрапщытащ, хъарзынэу къызэхъулIахэри яхэтщ. Абыхэм я фIыгъэкIэ сонетым лъэпкъ усыгъэм зыужьыныгъэ ин щигъуэтащ, уеблэмэ жанрым и лъагапIэу къалъытэ сонет Iэрамэр ди усакIуэхэм къагъэIэрыхуэн ялъэкIащ.
Сонет Iэрамэм и зыужьыныгъэр сонет жанрым къыдожьэ, ар, сонетми хуэдэу, ХIII лIэщIыгъуэм Италием щызэфIэуващ. Сонет Iэрамэм и фащэм иту япэ дыдэ урыс литературэм къыхыхьа тхыгъэр словен тхакIуэ Прешерн Франце итхауэ Корш Федор 1889 гъэм зэридзэкIа «Сонет Iэрамэрщ» («Сонетный венок»). Абы иужькIэ сонет Iэрамэ я Iэдакъэ къыщIэкIащ Иванов Вяч., Брюсов В., Волошин М., Кирсанов С., Дудин М., Матюшкин С., н.
Сонет Iэрамэр зищIысым, абы и зыужьыкIэм ехьэлIауэ щIэныгъэлIхэм я еплъыкIэхэр щызэтемыхуэ щыIэщ. Языныкъуэхэм ар лирикэ жанрым хуахь, языныкъуэхэм лиро-эпикэ тхыгъэу къалъытэ. «Усыгъэ псалъалъэм» зэритымкIэ, ар поэмэм и зы лIэужьыгъуэщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, поэмэми хуэдэу, лиро-эпикэ тхыгъэщ [Венок…]. Дэ ди еплъыкIэр иужьрейм тохуэ, сыту жыпIэмэ сонет Iэрамэм лирикэ къудей мыхъуу, эпикэм и пкъыгъуэ, нэщэнэ гуэрхэри хыболъагъуэ – сюжет иIэщ, образ гуэрхэр къыхощ, лъэхъэнэ пыухыкIам щепха, щытегъэпсыхьаи щыIэщ.
И ухуэкIэкIэ, поэтикэкIэ сонет Iэрамэр жыпхъэ нэхъ гугъу дыдэхэм хабжэ. Ар сонет пщыкIутхуу зэхэтщ, зы сонетыр зэриух сатырымкIэ къыкIэлъыкIуэр къыщIидзэу зэкIэлъыхьауэ. ЕпщыкIутхуанэ сонетыр – «магистрал»-кIэ (е «магистральный сонет»-кIэ) зэджэр абы и пэ къит сонет пщыкIуплIым я пэщIэдзэ сатырхэр зэкIэлъыхьауэ ухуащ. Япэ сонетым и пэщIэдзэ сатырымкIэ епщыкIуплIанэр еух, ар дыдэри епщыкIутхуанэм и щIэдзапIэ мэхъу, псори зэхэплъхьэжмэ, сатыр 210-рэ ирокъу. Апхуэдэ тхыгъэ иныр хабзэ пыухыкIам тету бухуэныр зэрыгугъу дыдэр хэт и дежкIи гурыIуэгъуэщ.
Сонетхэмрэ абы хэт сатырхэмрэ хъурейуэ къекIуэкIыу зэрызэпыщIар къэплъытэмэ, зи гугъу тщIы жыпхъэм и щхьэхуэныгъэхэр наIуэу къызыпкърыщ «венок сонетов» урыс фIэщыгъэр нэхъ хуокIуэ, «сонет Iэрамэ»-м нэхърэ: венокыр – зэхэухуэнауэрэ хъурейуэ къеблэкIа удз гъэгъащ, Iэрамэр, удз гъэгъам ехьэлIауэ жыпIэмэ (мыхьэнэр щIэдгъэнахуэр «Iэрамэ» псалъэр пшэми, щхьэцми ехьэлIауэ къагъэсэбэпри аращ – пшэ Iэрамэ, щхьэц Iэрамэ) – ар Iэм IэщIэхуэ удз гъэгъа зэгъэуIуащ (букет) е удз гъэгъа IэплIакIуэщ (охапка). НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ, «сонет Iэрамэ» фIэщыгъэм хъурейуэ къекIуэкI ухуэкIэр къыпкърымыщми, сонет зыбжанэ зэрызэгъэуIуар, тхыгъэр сонет гупу зэрызэхэтыр къегъэлъагъуэ. Дауэ мыхъуами, сыт хуэдэ фIэщыгъэм щIэмытми, дэркIэ нэхъыщхьэр сонет Iэрамэм и жыпхъэр ди литературэм зэрыщызэфIэуварщ, иджырей лъэхъэнэми ехъулIэныгъэ иIэу зэрыщылажьэрщ.
Сонет Iэрамэхэр я купщIэкIи я гъэпсыкIэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэмкIи зэщхьэщокI. Зытеухуа и лъэныкъуэкIэ лъагъуныгъэр зи лъабжьэ, зы цIыху гуэрым хуэгъэпса, тхыдэр къызыхэщыж сонет Iэрамэхэр щыIэщ. Я гъэпсыкIэр къапщтэмэ, ар инджылыз е итальян фащэмкIэ тха сонет гупу зэхэтщ.
Адыгэ (къэбэрдей, шэрджэс, адыгей) литературэм сонет Iэрамэр къыщыхыхьар ХХ лIэщIыгъуэм и 70–80 гъэхэрщ. А жыпхъэм иту япэу дунейм къытехьа тхыгъэр 1973 гъэм шэрджэс усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Ар япэ дыдэу «Iуащхьэмахуэ» журналым къытехуащ, нэхъ иужьыIуэкIэ усакIуэм «ЛIыгъэм и тхыдэ» [Бемурзов 1981] зыфIища и япэрей тхылъым иту къыдэкIащ. ГъэщIэгъуэныращи, Бемырзэм сонет щхьэхуэу итхауэ дрихьэлIакъым, ауэ сонет Iэрамэ къызэригъэщIар а жанрыр усакIуэм Iэзэу къызэригъэIэрыхуам щыхьэт тохъуэ.
1983 гъэм адыгей усакIуэ Бэрэтэрэ Хьэмид и Iэдакъэ къыщIэкIауэ сонет Iэрамэу тIу («Щхьэгъусэм хуэгъэза псалъэ», «Псэлъыхъур – ар цIыхур фIыуэ лъагъунырщ») дунейм къытехьащ. Ахэр усакIуэм и сонетхэр щызэхуэхьэса «Iыхьэ мыгуэш» [Беретарь 1983] тхылъым иту къыдэкIащ.
Сонет Iэрамэр къэбэрдей литературэм щызэфIэувар 80 гъэхэм икухэрщ. А лъэхъэнэм къыщегъэжьауэ зыр зым кIэлъыкIуэу дунейм къытехьащ КIэщт Мухьэз и «Жьыбгъэ», «Пшыналъэм и джэрпэджэж», КIэмыргуей Толэ и «Жьыбгъэ-бгъакъэ», Жылэтеж Сэлэдин и «ЩIымрэ цIыхумрэ», Уэрэзей афлик и «Тхыдэ», «Тхыдэм къыхэIукI макъхэр», ПщыукI Латмир и «Иджырей гупсысэ» сонет Iэрамэхэр. Зэрынэрылъагъущи, зи гугъу тщIы жыпхъэм зыужьыныгъэ нэхъ ин дыдэ щигъуэтар къэбэрдей литературэрщ. АрщхьэкIэ тхыгъэхэм я бжыгъэр къэплъытэныр мащIэщ, абыхэм я художественнэ щхьэхуэныгъэмрэ языхэзри жыпхъэм зэризагъэмрэ щхьэхуэу зэпкърыхыпхъэщ.
Сонет е сонет Iэрамэ зи Iэдакъэ къыщIэкIа адыгэ усакIуэхэм я нэхъыбэр зытетыр «инджылыз фащэрщ»: катренищрэ кIэух сатыритIу зэхэлъу. Бемырзэ М. и сонет Iэрамэр щитхым нэхъ фащэ гугъухэр – «итальян сонетымрэ» «франджы сонетымрэ» къигъэсэбэпащ: катрену тIурэ терцету тIурэ зэдзылIауэ. Пэжщ, Бемырзэм и сонет Iэрамэм рифмэ ухуэкIэр щызэпиуди хэтщ, ауэ абы и тхыгъэм и гупсысэкIи, темэкIи, сюжеткIи итальян икIи франджы сонетым къигъэув къалэнхэр щыгъэзэщIащ. Щапхъэу къэбгъэлъагъуэ хъунущ гупсысэр къызэщIэзыкъуэж епщыкIутхуанэ сонетыр – магистралыр:
Нэрыгъ ипщIыкIмэ, мывэ джейри мэсыр, A
Гукъеуэм си гум щищIыжащ унагъуэ. B
КъысфIэщIт зэгуэрэм уэ у-Дахэнагъуэу, B
Сэрауэ уи псэ закъуэ Джэримэсыр. A
Уи деж кIуэ гъуэгур быркъуэшыркъуэт, хьэлъэт, C
Гукъанэ зэпымычхэмкIэ гъэнщIат. d
IэмалкIэ ди жагъуэгъухэр зэхуэщIат, d
Абыхэм сэ сатекIуэфакъым хьэлкIэ C
ФIылъагъуныгъэм нэхъ симыIэу Iэщэ, E
Илъэсхэм уардэу сэ сапхырыкIынут, F
ИджырикI сщIэнут сэ схузэфIэкIыныр. F
Гугъуехь спэщIэлъыр аркъым зыщIэсIэжьэр: E
Ди натIэм илъагъэнт дызэпэIэщIэу, E
НэгъуэщI щхьэгъусэм гъащIэр детхьэкIыну. F
[Бемурзов 1981: 62]
Мы щапхъэм къызэрыхэщщи, ари адрей сонету «Лъагъуныгъэм сыхуэщыпкъэщ» тхыгъэр къэзыгъэщIхэри мыпхуэдэ рифмэ ухуэкIэм тету гъэпсащ: ABBA CddC EFF EEF (цIыхубз рифмэхэр хьэрфышхуэкIэ, цIыхухъу рифмэхэр хьэрф цIыкIукIэ къэгъэлъэгъуащ). Мыпхуэдэ ухуэкIэм итальян сонетымрэ франджы сонетымрэ я гъэпсыкIэ хабзэхэр щызэхэухуэнащ, ауэ франджы сонетым и нэщэнэхэр нэхъыбэу хыболъагъуэ: катренитIым я сатырхэр макъитIу зэхэт къызэщIэзыкъуэ рифмэкIэ («поясная», «охватная» жыхуаIэ рифмэ лIэужьыгъуэмкIэ) зэпхащ (ABBA CddC), терцетхэр къэзыгъэщI сатырхэр макъищу зэхэт рифмэкIэ зэдзылIащ (EFF EEF).
Бемырзэ М. и сонет Iэрамэр зэрыщыту сонет жанрым нэхъ къезэгъыу икIи и фIыпIэу къалъытэ стопаитхуу зэхэт ямбкIэ тхащ. ЖытIар нэрылъагъу хъун папщIэ, еханэ сонетым щыщ зы катренрэ зы терцетрэ я ухуэкIэр къэдгъэлъэгъуэнщ:
Уи псалъэхэм къысхалъхьэт сэ къару,
Уи нитIыр къысхуэгуапэт гъуэгугъэнэхуу,
Сэ сигу къокIыж, си закъуэу сыкъэнэхукIэ,
Уэзджынэу зэрылъэлъ уи макъ жьгъырур.
Уи Iупэхэм аргуэру къызжаIэжыр:
«НэгъуэщI си гупщысапIэу щхьэ пфIэщIа?! –
Уэращ сэ лъагъуныгъэ зыхуэсщIар…». [Бемурзов 1981: 56]
È – / È È / È – / È – / È – пир. 4 пыч.1
È – / È È / È – / È È / È – / È пир. 4, 8 пыч.
È – / È – / È – / È È / È – / È пир. 8 пыч.
È – / È È / È È / È È / È – пир. 2, 4, 6 пыч.
È – / È È / È – / È È / È – / È пир. 4, 8 пыч.
È – / È È / È – / È – / È – пир. 4 пыч.
È – / È È / È – / È È / È – пир. 4, 8 пыч.
«Лъагъуныгъэм сыхуэщыпкъэщ» сонет Iэрамэм хэтлъагъуэ сонет зэкIэлъыхьыкIэр жыпхъэм къигъэув хабзэхэм тетщ. Тхыгъэм и кIэ дыдэу къакIуэ магистрал сонетым усакIуэм сатырхэр зырызурэ къытрешри, адрей сонет пщыкIуплIым зэкIэлъыкIуэу я къыщIэдзапIэ ещI. Япэрей сонетри иужьрей (епщыкIутхуанэ) сонетри къызэрыщIидзэ, епщыкIуплIанэр зэриух усэ сатырхэр зэтохуэ – «Нэрыгъ ипщIыкIмэ, мывэджейри мэсыр».
Бемырзэм и сонет Iэрамэм макъхэм, рифмэм, строфар зэрыухуам, ритмикэм мыхьэнэ ин щаIэщ, апхуэдэуи образхэм, сонетхэм ящIэлъ гупсысэхэм, усакIуэм и художественнэ Iэзагъым тхыгъэм къалэн пыухыкIахэр щагъэзащIэ. И фIэщыгъэми, ищхьэкIэ къэтхьа кIэух сонетми къызэрыхэщщи, Мухьэдин и сонет Iэрамэм лъабжьэ хуэхъуар лъагъуныгъэрщ, гухэлъ жэуапыншэ-насыпыншэрщ. Тхыгъэм и кIыхьагъкIэ усакIуэм лирикэ лIыхъужьым и дуней еплъыкIэм, щыIэкIэ-псэукIэм, гурыгъу-гурыщIэхэм, гунэджым ехьэлIа образ гъэщIэгъуэнхэр хиухуэнащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, бампIэр къыщытеуэм деж ар здэкIуэ «бгы лъапэм щыдаущ екIэпцIэ мэзыр», ар «зылъэхъэну къэIэбэ къудамэхэр», нэгъуэщIхэри. Лирикэ лIыхъужьым и гупсысэ нэщхъейхэр усакIуэм сонет къэскIэ егъэпщэныгъэ щIэщыгъуэхэмкIэ къыщеIуатэ: «Гукъеуэм си гум щищIыжащ унагъуэ» [Бемурзов 1981: 53]; «Вагъуэншэ уафэу нэщI схуэхъуащ уи гущIэр» [Бемурзов 1981: 54]; «СылъаIуэу Iэ сшиям къыщыдыхьэшхри / Уэшх нэпцIу сщхьэщыкIащ уи лъагъуныгъэр» [Там же]; «Сыпсалъэми, плъыржьэрым ихь уIэгъэу, / Шэджагъуэ махуэу уи нэхэм сопщIыхьыр» [Бемурзов 1981: 55]; «…Зэгуэрми «фIыуэ слъагъу» жызымыIэжырщ / Зи гъащIэр гужьеигъуэкIэ гъэнщIар» [Бемурзов 1981: 56]; «IэмалкIэ ди жагъуэгъухэр зэхуэщIат…» [Бемурзов 1981: 57]; «Псы ткIуэпсрэ пэт екъутэ псыхъуэ мывэр / Ди якум ахэр (жагъуэгъухэр. – Хь.Л.) дэувахэщ хьэлэу…» [Там же]; «Зэгуэпыр блащхъуэу гущхьэм къынэсыпэм, / Уэрэдым си гупщысэр изохьэлIэр…» [Там же]. Еянэ сонетым и кIэухым – ебгъуанэм и щIэдзапIэм деж абыхэм къэсыхукIэ тхыгъэм щIэлъа гупсысэ нэщхъейр токIуэтри, фIэщхъуныгъэ лъэщымрэ псэ бэнэныгъэмрэ тепщэ щохъу. Лирикэ лIыхъужьым и плIэр иузэхужу адэкIи гъащIэм насып щигъуэтыжыным щIэхъуэпс, хущIэкъу мэхъу: «Илъэсхэм уардэу сэ сапхрыкIынущ, / Жагъуэгъухэр гукъыдэжкIэ зэзгъэфыгъуэу. / ИджырикI гъащIэм къыспэщылъщ и фIыгъуэр, / Игъэунэхуакъым си къарум лъэкIыныр» [Бемурзов 1981: 59], – жеIэ абы. АрщхьэкIэ епщыкIущанэ-епщыкIуплIанэ сонетхэм деж лирикэ лIыхъужьым и гукъеуэр аргуэру къытокIуэ:
НэгъуэщI щхьэгъусэм гъащIэр депхьэкIыну
КъызжаIэпами хъунтэкъым си фIэщ.
Уэ сигу уилъынущ, – узыхуейр къысфIэщ, –
Фэеплъуи уи сурэтыр къесхьэкIынущ. [Бемурзов 1981: 61]
Иужьрей – магистрал – сонетым и кIэ дыдэ сатыритIым къызэраIуатэщи, адыгэ псалъэжьым «узыхьыну псым зыдегъэзых» зэрыжыхуиIэм хуэдэу, лирикэ лIыхъужьыр арэзы тохъуэ и щхьэ кърикIуам, абыкIэ зыри игъэкъуэншэжыркъым икIи фIыуэ къыгуроIуэ Ухыгъэм и Iэмырым узэрыфIэмыкIыфынур… Аращ абы и гуауэри нэхъ гъэткIугъуафIэ щызыщIыр: «Ди натIэм илъагъэнт дызэпэIэщIэу, / НэгъуэщI щхьэгъусэм гъащIэр детхьэкIыну…» [Бемурзов 1981: 62], – жеIэ абы.
«Лъагъуныгъэм сыхуэщыпкъэщ» сонет Iэрамэр адыгэ литературэм деж сонет жанрым и зыужьыныгъэм и щIэдзапIэу къэплъытэ хъунущ. Абы ипэ къихуэу ди усакIуэ нэхъыжьхэм куэдрэ къагъэсэбэпакъым а жыпхъэр, псом хуэмыдэуи абы и «итальян», «франджы» фащэхэр.
БлэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм къыщегъэжьауэ сонет Iэрамэм къэбэрдей литературэм нэхъыбэу зыщиужьащ, адыгей, шэрджэс литературэхэм зэрыщызиужьам елъытауэ. А жыпхъэм иту тхыгъитIэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ КIэщт Мухьэз. 1989 гъэм итха «Жьыбгъэ» сонет Iэрамэр а илъэс дыдэм «Iуащхьэмахуэ» журналым и етхуанэ номерым иту дунейм къытехьащ, иужькIэ 1991 гъэм КIэщтым и усыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ къыдэкIа «Тхыдэм и гъыбзэ» [Кештов 1991] тхылъым хыхьащ.
И купщIэкIи, гъэпсыкIэ-ухуэкIэкIи КIэщт М. и «Жьыбгъэ» сонет Iэрамэм жыпхъэм нэхъыфIу изагъэу тха хъуахэм ящыщщ. КIэщтым и тхыгъэ куэдми хуэдэу, «Жьыбгъэ» сонет Iэрамэм лъабжьэ хуэхъуар тхыдэ къэхъугъэхэрщ, лъэпкъым и блэкIарщ. Адыгэм къызэринэкIа лъагъуэхэм жьыбгъэр ирижэурэ, тхыдэм и пэжыпIэр иджырей лъэхъэнэм къехьэсыж. Жьыбгъэм къихьэсыжар усакIуэм сахуэм и образымкIэ къегъэлъэгъуэж, нэхъ пэжу жыпIэмэ сахуэм къыхэтэджыкIыжахэм я гукъэкIыжкIэ лъэпкъ тхыдэр къеIуэтэж:
Сэ сымыщIэж зи лIэщIыгъуэр
Си щхьэр щислъхьар зауэ губгъуэм.
<…>
Сэ сыхисхьащ тэтэр мафIэм,
СиупщIэтащ пащтыхь джатэм.
Си сахуэ пыхьэу зелъатэр
ЩIэгъуэлъхьэжащ щIым и бгъафэм. [Кештов 1991: 9]
Тхыгъэр тхыдэ лъэхъэнэ пыухыкIам тегъэпсыхьауэ, абы къыщыхъу-къыщыщIэхэр зэманкIэ зэкIэлъыхьауэ щыткъым, шэщIауэ ухуа сюжет зэкIэлъыкIуи иIэкъым, атIэ блэкIам и пычахуэ гуэрхэр, напэкIуэцI щхьэхуэхэр, лирикэ лIыхъужьым и гупсысэ кIапэлъапэхэр щызэхэшыхьащ. Псалъэм папщIэ, абы къыхощ Хиросимэрэ Нагасакирэ къыщыхъуа мыгъуагъэри, Чернобыль электростанцыр къызэрыуари, Кавказ зауэмрэ мухьэжыракIуэмрэ я гуауэри – кIэщIу жыпIэмэ, тхыдэм узу пкърыт Iуэхугъуэхэр мащIэ-мащIэурэ, ауэ гуащIэу щызэгъэуIуащ. Языныкъуэхэм деж тхыгъэм щIэлъ гупсысэр тхыдэм къыхокIри гъащIэм и философием хохьэ. Псалъэм папщIэ, лирикэ лIыхъужьыр щIогупсыс:
– Iейр, мыхъумыщIагъэхэр псынщIэ дыдэу щIым зэрыщыбагъуэм:
Псэ хухэмыхым кIэлъыджэу,
Ер емышыжу мэпыджэ. [Кештов 1991: 7]
– щIым, дунеягъэм къыщыхъу псоми пэщIэдзэрэ кIэухрэ зэраIэм, зым и кIэухыр нэгъуэщIым и щIэдзапIэу зэрыщытым:
КъыхотэджыкIри цIыху къупщхьэм
Iущхьэр ныIуощIэ махуэщIэм. [Кештов 1991: 9]
– гугъэмрэ фIэщхъуныгъэмрэ къаруушхуэ зэрыхэлъым:
Мастэнэм фIэлъми ди гъащIэр,
Мэгугъэ щIылъэ гумащIэр. [Кештов 1991: 11]
– емрэ фIымрэ я зэпэщIэтыныгъэ мыухыжым, ахэр зэрытемыгъакIуэу сыт хуэдэ лъэхъэни къызэрыдекIуэкIым:
Хъуапсэу удзыпцIэ къыхэжыр
Атом гыным йопэмыр:
ГъащIэр ажалым йобэныр,
КъебгъэрыкIуами дигуэжу. [Кештов 1991: 12]
– фыгъуэмрэ фитIнэмрэ псэ къабзэм зэрытегуплIэм:
Игу утIыпщар фIым хуэхъуапсэу,
Псэ къабзэ губгъуэм щылажьэм,
Йоплъ фыгъуэнэдыр щхьэлажьэу,
И гур мэуфIыцIыр, кIэгъуасэу. [Там же]
«Жьыбгъэ» тхыгъэм хыхьэ сонетхэр инджылыз фащэм иту тхащ – катренищрэ кIэIунэ езытыж сатыритIу зэхэтщ. Ауэ абыхэм къыщыгъэсэбэпар инджылыз фащэр зэраухуэ хабзэ рифмэ зэблэдзар аракъым, атIэ франджы сонетым нэхъ хуэщ къызэщIэзыкъуэ рифмэ лIэужьыгъуэрщ. Абы щыгъуэми катрен къэскIэ рифмэщIэ къыщкIуэ (рифмэхэм зэщхь, къытезыгъазэ яхэмыту), иужьрей сатыритIыр рифмэ зэгуэгъукIэ зэдзылIащ. КIэщIу жыпIэмэ, сонет къэскIэ рифмиплI (abba cddc effe gg) хэтщ, зэщIэжьыуэу блы къагъэхъуу (aa, bb, cc, dd, ee, ff, gg). Зи гугъу тщIыр нэрылъагъу хъун папщIэ, япэ сонетыр щапхъэу къэтхьынщ:
ЛIэщIыгъуэ бжыгъэр хуэмыбжу, A
Къежыхьыр жьыбгъэ мыпыIэм. B
Си сабиигъуэм и пыIэм B
Хиуа гынымрэ къехьыжыр. A
Къегъэушыжыр фочышэ C
Дадэ и куэпкъым щыжейхэр. D
Зэман блэкIахэр къиугъуейми, D
Имыгъуэтыж сэ си чышыр. C
Зэхуешэсыжри лIэщIыгъуэр, E
Зэбгъурегъэувэ зауэлIу, F
Езыр, йожьэжри, зекIуэлIу, F
Хошыпсыхьыжыр гын Iугъуэм. E
Къыхолъэтыжри зэщыджэу, G
Жьыбгъэм схуеIуатэ телъыджэ. G
[Кештов 1991: 6]
ИщхьэкIэ зэрыщыжытIауэ, мыбдежым рифмиплI (ABBA CDDC EFFE GG) хэтщ, зэщIэжьыуэу блы къагъэхъуу (AA, BB, CC, DD, EE, FF, GG). Инджылыз сонетым и ухуэкIэ хабзэм къызэригъэувымкIэ, цIыхухъу рифмэмрэ цIыхубз рифмэмрэ зэблэдзауэ захъуэжурэ щытыпхъэт, ауэ къэтхьа сонетыр зэрыщыту цIыхубз рифмэ лIэужьыгъуэмкIэ тхащ.
«Жьыбгъэ» сонет Iэрамэм хэт сонетхэр зы жыпхъэкIэ тхакъым, атIэ зы тхыгъэм и кIуэцIкIэ жыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэхэухуэнащ, логаэд къагъэхъуу. Псалъэм папщIэ, зы сатырым къриубыдэу пычыгъуищу зэхэт жыпхъэхэр – хэхауэ къэбгъэлъагъуэмэ, дактилымрэ амфибрахиемрэ – щызэдзылIауэ урохьэлIэ. Еханэ сонетым и етIуанэ катреным и ухуэкIэр мыращ:
ЩхьэкIэр щIаупскIэу, жыг лъэхухэр
Бгы нэкIум нызэрыдошыр.
Iуащхьэжьхэр хуэму къоушыр,
СхуаIуатэу тхыдэм и щэхухэр. [Кештов 1991: 9]
– È È / – È È / – È
È – È / È È È / – È пир. 4 пыч.
È – È / – È È / – È
È – È / – È È / – È
Къэтхьа едзыгъуэм и япэ сатырым дактилу стопаищ къыщокIуэ, къыкIэлъыкIуэ сатырищыр (етIуанэр, ещанэр, еплIанэр) зы амфибрахие стопам дактил стопаитI щIыгъуу гъэпсащ. Апхуэдэ ухуэкIэр сонет Iэрамэм и кIыхьагъкIэ хыболъагъуэ.
КIэщт М. «Пшыналъэм и джэрпэджэж» зыфIища етIуанэ сонет Iэрамэр адыгэ литературэм и лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъу итхащ. Тхыгъэм и кIыхьагъкIэ ЩоджэнцIыкIум и биографиемрэ и творчествэмрэ ятеухуа къэIуэтэныгъэ къыхощ, гъэщIэгъуэныращи, ар къызыбгъэдэкIыр, зи цIэкIэ къэIуэта хъур езы усакIуэрщ. Мис, псалъэм папщIэ, зы пычыгъуэ:
Сытехьащ зауэм и гъуэгуанэ жагъуэм,
Си Iэщэ жани къалэми здэсIыгъыу.
Ауэ, кхъухьлъатэр хьэIуцыдзу къугъыу,
КъуанщIэ фIыцIэжьу дэ къыттокIэрахъуэр.
Ауэ борэным зэгуэр щыщта къуршхэр,
Дэри къурш блыну дапэуващ бийхэм.
Уи гъусэу дисми гъущIэгъуншэ бзийхэм
ДыпщIэзэуфырт, лъахэ, дымыдзыхэу. [Кештов 1991: 18]
Жанр и лъэныкъуэкIэ зи гугъу тщIы тхыгъэм и щхьэхуэныгъэр къыхэбгъэщхьэхукIмэ, ар сонет Iэрамэ-фэеплъщ («венок-посвящение» жыхуаIэращ). Апхуэдэ сонет Iэрамэ ухуэкIэ КIэщт М. япэу ди литературэм къыхихьауэ аращ, абы ипэкIэ фэеплъу гъэпса сонет Iэрамэ адыгэ литературэм хэтакъым, иужькIэ ятхауи дыщыгъуазэкъым.
«Пшыналъэм и джэрпэджэж» сонет Iэрамэм, а жыпхъэм иту адыгэ усакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм еплъытмэ, эпикэм и нэщэнэхэр нэхъыбэу хыболъагъуэ: сюжет зэриIэр, къэIуэтэныгъэ зэрыхэлъыр, образ щхьэхуэ зэрыщызэфIэгъэувар, абы и гъащIэ гъуэгуанэмрэ лIыхъужьыгъэ зыхэлъ и лIэныгъэмрэ къызэрыхэщыр, н. Ар сонет Iэрамэр лиро-эпикэ жанрым зэрыщыщым иджыри зэ щыхьэт тохъуэ.
Сонет Iэрамэм хэт тхыгъэхэм я ухуэкIэ-гъэпсыкIэр, рифмэ къэгъэщIыкIэр КIэщтым нэхъапэу итха «Жьыбгъэ» сонет Iэрамэм тохуэ. «Пшыналъэм и джэрпэджэж» тхыгъэми ABBA CDDC EFFE GG рифмэ ухуэкIэм ухрохьэлIэ. Мис, псалъэм папщIэ, еплIанэ сонетыр:
Псэр щIыщIэттыфыр щIым и зы IэпапIэм A
Аращ дызыпIри арщ быдзышэ IэфIкIэ. B
Ди бийр мышынэу абы къыщеIэфкIэ, B
КъытфIоукъубий толъкъуну губжьи бампIи. A
Ноби къинауэ ди вапIэм пхъэIэщэр, C
Щхьэщэ имыщIу тэджащ мэкъумэшыщIэр, D
Рабочэ щIалэм игъэву гум щыщIэр, D
Жыр уадэм и пIэ къищтащ лъауэ Iэщэр. C
Къащтащ лъэпкъ псоми: лажьэншэ хэкур, E
Блэ щIыкIэу къипщхьауэ, я бийм яфIигъэсти, F
Псыр иригъэжыхьу, дэнэ и деж нэсми F
Хигъэсэхэжти я адэжь и жьэгур. E
Замылъытэжми псоми Дамэлейуэ, G
Уи къуэхэр щысакъым къыщыплъысым лей уэ. G
[Кештов 1991: 17]
«Жьыбгъэ» сонет Iэрамэми хуэдэу, «Пшыналъэм и джэрпэджэж»-м усэ жыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыгъэсэбэпащ. Ауэ языныкъуэхэм деж сонетым нэхъыфI дыдэу хэзагъэу къалъытэ стопаитхуу зэхэт ямбыр ущрохьэлIэ. Япэ сонетым и ещанэ катреным деж:
Ситащ сэ губгъуэм, вагъуэм ситхьэкъуауэ…
Мэкъуауэ джалъэу псэхухэм срагъусэу.
Си закъуэ дыди ситащ стхыуэ усэ,
Гъэмахуэ жэщри пфIэщIырт зиущэхуауэ… [Кештов 1991: 15]
È – / È – / È – / È È / È – / È пир. 8 пыч.
È È / È – / È – / È È / È – / È пир. 2, 8 пыч.
È È / È – / È È / – – / È – / È пир. 2, 4, спонд.* 5 пыч.
È È / È – / È – / È È / È – È пир. 2, 8 пыч.
«Пшыналъэм и джэрпэджэж» сонет Iэрамэми зы катреным и кIуэцIкIэ усэ жыпхъэ зэхуэмыдэхэр щызэдзылIа щапхъэхэр хыболъагъуэ. Псалъэм папщIэ, етхуанэ сонетым и япэ катреным щыщу япэ сатырыр стопаитхуу зэхэт хорейкIэ, етIуанэ, ещанэ, еплIанэ сатырхэр – стопаитху хъу ямбкIэ тхащ:
Уи къуэхэр щысакъым къыщыплъысым лей уэ,
ЩыщэIум уипсхэр, уи сабийхэр щыгъым.
Гъыбзэ итхакъым си къалэм сэ сIыгъми –
Пшыналъэ плъакIэ къыбдигуэшт гукъеуэр. [Кештов 1991: 17]
– È / È È / – È / È È / – È / – È пир. 3, 7 пыч.
È – / È – / È È / È – / È – / È пир. 6 пыч.
È È / È – / È È / È È / È – / È пир. 2, 6, 8 пыч.
È È / È – / È È / È – / È – / È пир. 2, 6 пыч.
Дызыхэплъахэр къызэщIэткъуэжмэ, къыхэгъэщыпхъэщ КIэщт Мухьэз и сонет Iэрамэхэр лъэпкъ литературэм, хэхауэ къэбгъэлъагъуэмэ, усыгъэмрэ сонет жанрымрэ я зыужьыныгъэм и хэлъхьэныгъэ нэс зэрыхъуар.
90 гъэхэм къыщегъэжьауэ, сонет Iэрамэм и жыпхъэ гугъум нэгъуэщI къэбэрдей усакIуэхэми зрапщытауэ щытащ. КIэмыргуей Толэ и «Бжьэпэ» тхылъу 1994 гъэм къыдэкIам иту «Жьыбгъэ-бгъакъэ» зыфIища сонет Iэрамэр дунейм къытехьащ. Абы зи гугъу тщIы тхыгъэр сонет Iэрамэу усакIуэм къыщигъэлъэгъуакъым, атIэ сонет тIощI зэгъэуIуауэ «Сонетхэр» фIэщыгъэм щIэту тхылъым къыщыхьащ. Ауэ сонет Iэрамэм къигъэув хабзэхэм ткIийуэ тету мыгъэпсами, «Жьыбгъэ-бгъакъэ»-м сонет Iэрамэм и нэщэнэхэр хыболъагъуэ. Абы хыхьэ сонет тIощIыр зэр зэриух сатырымкIэ адрей къыщIидзэу зэкIэлъыхьащ. Сонетхэм хэт сатырхэр, ищхьэкIэ зэпкърытха тхыгъэхэм къащхьэщыкIыу, зэфэзэщу (катернрэ кIэIунэ езытыж сатыритIкIэ е катренрэ терцеткIэ зэпымыудауэ) зэкIэлъыхьащ. Ар щыщIэныгъэкъым, сыту жыпIэмэ апхуэдэ сонет ухуэкIэр («сплошная форма сонета» жыхуаIэращ) жанрым зы жыпхъэ лIэужьыгъуэу къыдогъуэгурыкIуэ. Сонетхэм хэтлъагъуэ рифмэ ухуэкIэр – AbAbCdCdEfEfGG – инджылыз сонетым и рифмэ къэгъэщIыкIэм тохуэ (егъапщэ: AbAb CdCd EfEf GG). ЖытIахэр нэрылъагъу хъун папщIэ епщIанэ сонетым и щапхъэкIэ щIэдгъэбыдэнщ:
Уи лъапэр къищми уогъэтэдж уи пщампIэр – A
Дунейр мынабгъэ, и набзийр гуэрэнщ. b
Къигъуэтыж хабзэщ псым езым и жапIэр. A
Уи пщIыхь щытепщэр, дауи, уэ борэнщ. b
Щхьэжагъуэщ ноби гъуэгуу сфIикудахэр, C
ЩIивари хъунти а щIыкIейм пхъэнкIийм, d
Зэхимыхыжу къэзылъхуам и дахэ C
Дипхъари пщIэжкъэ хамэщI и къуэкIийм. d
УIэгъэжь щIыкIэу куэд къысфIоетэжыр. E
Жылагъуэ пщIейхэр сахуэм хотэджыкI. f
ИтIани, плагъурэ, псэущ си гукъыдэжыр. E
Лъэпкъ тхыдэ напэм пэжыр къызоджыкI. f
ГулыцI зимыIэм щыIэн нэхъ тхьэмыщкIэ?.. G
ФIэщхъуныгъэншэ Алыхьым симыщIкIэ! G
[Камергоев 1992: 97–98]
И ухуэкIэр зэфэзэщу (зэпымыудауэ) зэрыщытым емылъытауэ, мы сонетым хэтлъагъуэ рифмэ къэгъэщIыкIэмкIэ IупщIу катренищрэ кIэух сатыритIрэ къыхощ.
«Жьыбгъэ-бгъакъэ»-м хэт сонет псори, зэзэмызэххэ хабзэм щытекI къэхъуми, нэмыщIыса гуэрхэри хэплъагъуэми, сонетымкIэ нэхъ езэгърабгъуу къалъытэ стопаитху е стопаих ямбымкIэ тхащ. Абы щыгъуэми, жанрым къызэригъэуву, цIыхубз рифмэмрэ цIыхухъу рифмэмрэ зэблэдзауэрэ къыщытрегъэзэж. ИщхьэкIэ къэтхьа епщIанэ сонетым и япэ катреным и ухуэкIэр мыращ:
È – / È – / È È / È – / È – / È пир. 6 пыч.
È – / È – / È È / È – / È – пир. 6 пыч.
È È / È – / È – / È – / È – / È пир. 2 пыч.
È – / È – / È – / È – / È –
Мыбдежым япэ сатырыр стапих хъу ямбкIэ, къыкIэлъыкIуэ сатырищыр стопа тхурытхуу зэхэт ямбкIэ тхащ.
Мис иджыри зы щапхъэ, епщыкIубгъуанэ сонетым къыхэтхауэ:
УнкIыфI-пынэжу маблэ си уэздыгъэр.
«Зэрыгъу-зэрышхыу» кIапсэр арагъэнщ.
Зэхешэ пшапэм нэхъри и кIыфIыгъэр.
Къэмыхъуа хуэдэщ зэи зыщигъэнщI. [Камергоев 1994: 101]
È – / È – / È – / È È / È – / È пир. 8 пыч.
È – / È – / È – / È È / È – пир. 8 пыч.
È – / È – / È – / È È / È – / È пир. 6 пыч.
È È / È – / È – / È È / È – пир. 2, 8 пыч.
Мыбдежым катреныр зэрыщыту стопаитхуу зэхэт ямбкIэ тхащ.
ИщхьэкIи зэрыщыжытIащи, КIэмыргуей Толэ и «Жьыбгъэ-бгъакъэ» тхыгъэм сонет Iэрамэм и жыпхъэм изыгъэзагъэ нэщэнэхэри абы пэщIэуэ ныкъусаныгъэ гуэрхэри дыболъагъу. Сонет Iэрамэм магистрал (епщыкIутхуанэ) сонетым къалэн ин щигъэзащIэмэ (абы и сатырхэр ипэ къит сонет пщыкIуплIым зырызыххэу ятеугуэшауэрэ пэщIэдзэ яхуохъу), апхуэдэ КIэмыргуейм и тхыгъэм иIэкъым, иIэнкIи Iэмал зимыIэт, сыту жыпIэмэ абы хэт сонет пщыкIубгъум я пэщIэдзэ сатырхэр зэхэбгъэувэжмэ сатыр пщыкIубгъуу зэхэт тхыгъэ къыщIедз, бжыгъэр апхуэдизым нэса нэужь ар сонет хъужыркъым. Пэжщ, сатыр пщыкIуплIым щIигъу сонет лIэужьыгъуэхэри щыIэщ, «кIапэ (е кIэ) зыпыт сонет»-кIэ еджэу («сонет с кодой» е «хвостатый сонет» фIэщыгъэ иIэу), арщхьэкIэ апхуэдэ сонетым хыхьэ сатыр пщыкIуплIым щIагъуж хабзэр е зы сатырщ, е зы терцетщ (сатырищ). КIэмыргуей Т. и тхыгъэм магистрал хуищIамэ, абы сатыритху щIигъунут. Дауэ мыхъуми, дэ дызэреплъымкIэ, магистрал сонет зэрыхэмытым къыхэкIкIэ «Жьыбгъэ-бгъакъэ» тхыгъэр сонет Iэрамэу щытын къанэркъым, сыту жыпIэмэ а жыпхъэм и нэщэнэу тхыгъэм хэлъыр щыщIэныгъэхэм йобэкI.
Сонет Iэрамэм и жыпхъэм къыкIэлъыкIуэ илъэсхэми адыгэ литературэм зыщиужьащ. Псом хуэмыдэу къэбэрдей усакIуэхэм жыпхъэм и щэху псори къагъэнэIуащ, нэхъ гугъу дыдэу ялъытэ жанрым – сонетым – и лъагапIэхэм нэсын яхузэфIэкIащ. Абы и щыхьэтщ совет нэужь лъэхъэнэм дунейм къытехьа дэтхэнэ сонет Iэрамэри – Уэрэзей Афлик и «Тхыдэ», «Тхыдэм къыхэIукI макъхэр», Жылэтеж Сэлэдин и «ЩIымрэ цIыхумрэ», ПщыукI Латмир и «Иджырей гупсысэхэр».
КъызэщIэкъуауэ сонет Iэрамэм и зыужьыныгъэ гъуэгуанэм уриплъэжмэ, нэхъ япэу ятхахэр иужьрейхэм ебгъапщэмэ, жыпхъэр адыгэ литературэм куэдкIэ зэрыщефIэкIуар нэрылъагъущ. Лъэпкъ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкI сонет Iэрамэхэм ныкъусаныгъэ щхьэхуэхэр хэплъагъуэми, жыпхъэр къызэрагъэIэрыхуар икIи зэрагъэлажьэр ди литературэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ Iуэхугъуэшхуэщ, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа тхыгъэхэри лъэпкъ усыгъэм и хэлъхьэныгъэ инщ.
1 Пиррихиер 4-нэ пычыгъуэм уващ.
* спондейр 5 пычыгъуэм уващ.
Об авторах
Л. Б. ХАВЖОКОВА
Институт Гуманитарных исследований – филиал ФГБНУ «Федеральный научный центр «Кабардино-Балкарский научный центр Российской академии наук»
Автор, ответственный за переписку.
Email: lyudmila-havzhokova.86@mail.ru
Список литературы
- Бемурзов 1981 – Бемурзов М.Х. Сказ о мужестве. Стихи и поэмы.. – Черкесск: Ставропольское книжное издательство. Карачаево-Черкесское отделение, 1981. – 96 с.
- Беретарь 1983 – Беретарь Х.Я. Неделимая доля.. – Майкоп, 1983. – 143 с.
- Венок… – Венок сонетов // Словари и энциклопедии на Академике: сайт. URL: https://poetique.academic.ru/112/%D0%B2%D0%B5%D0%BD%D0%BE%D0%BA_%D1%81%D0%BE%D0%BD%D0%B5%D1%82%D0%BE%D0%B2 (дата обращения: 04.08.2019).
- Камергоев 1994 – Камергоев Т.Ж. Утес. Стихи и баллады.. – Нальчик: Эльбрус, 1994. – 152 с.
- Кештов 1991 – Кештов М.Х. Эхо далеких времен: Стихи и поэмы.. – Нальчик: Эльбрус, 1991. – 176 с.
- Сокуров 1979 – Сокуров М.Г. Отметина. Стихи.. – Нальчик: Эльбрус, 1979. – 94 с.
Дополнительные файлы
